NART
NART

GİRİŞ
Kullanıcı Adı

Şifre





>Üye Değilim     >Şifremi Unuttum

ETİKET BULUTU

MÜZİK ÇALAR
13
11
35WERE~1.MP3
4WORED1.MP3
apsuva

Nart Ajans Reklam

Notice: Undefined variable: db in /home/nart/public_html/arsiv.nartajans.net/function.php on line 6

Warning: mysqli_query() expects parameter 1 to be mysqli, null given in /home/nart/public_html/arsiv.nartajans.net/function.php on line 6
kez okundu
Гъащ1э

Дадэ п1экум къыщит1ысхьэм
и къуэрылъхур щ1элъэдащ
л1ыжьыр куэдрэ мыгупсысэу
Хуабэу, 1эф1у къэгуф1ащ

Щ1алэ ц1ык1ум ар щилъагъук1э
дадэ псынщ1эу зыжьэхедзэ
жьак1э хужьым и пэр хе1ури
убзэрабзэу 1эпл1э хуещ1

Л1ыжьым и гур къэт1эт1ауэ
къуэрылъху щ1алэм йодэхащ1э
и лъэ узри къыримыдзэу
къэтэджыныуи зэ хожьэ.

Ауэ л1ыжьым и щхьэгъусэм
щ1алэ ц1ык1ур къы1эщ1ехри
л1ыжьыр тыншу егъэт1ыс.
Хуэгубжьауэ л1ыжь жьак1эхум
шэнтым мак1уэри мэт1ыс.

-Уэ Едыджу зи щхьэц тхъуа
л1ыф1 уэрэд зыхуауса.
шым утесу зек1уэ ук1уэм
шыхэр гуартэк1э къытхуэпхут,
щ1ым утету бийр къыпщ1ыхьэм
къамэр хахуэу бгъэ1эрыхуэрт.

Гъащ1эр пщ1эншу уэ бгъэк1уакъым
уи щхьэц тхъуауэ унэм уисщи
узыншагъэм т1эк1у к1элъыплъ.
уи зэманри уэ блэк1ащ
къыпхуэщтэжкъым уэ маисэ
уишри хьэхэм яшхыжащ.

Гъащ1эм псынщ1эу зихъуэжащ
ц1ыхухэм зауэр щагъэтащ
зек1уэ к1уэхэр емык1у ящ1.
шы къэпхуамэ удыгъуащ,
лъы пщ1эжамэ ул1ыук1щ.
Ауэ зыщ нэхъыф1у слъытэр
щ1эныгъэл1ыр пщыпэлъытщ

Сытми л1ыжь емык1у сомыщ1у
ди щ1алэщ1эр уэ ущие
фадэ гуащ1эм димыхьэху
гъащ1э гъуэгум ар тегъыхьэ.

Бибарс ц1ык1ум и нэ топхэр
мэуп1эрап1э, дадэм йоплъ
нанэм "Гъащ1э" жыхуи1ари
гуры1уэгъуэ хэт хуищ1ын?

"Гащ1э"
Дадэ сыт а псалъэм къик1ыр?
Гъащ1эр сыт езыр зыщ1ысыр?
уе1эбыфрэ, фэк1э дахэ?

Щ1алэ ц1ык1ум упщ1э итхэм
дадэм и щхьэм бдзапц1э т1ат1эу,
бийм хуэлъатэм хуэдэу пщтыру
псынщ1эу, гуащ1эу зыхаук1э.

Дадэм щэху дакъикъит1к1э
и щхьэр 1ит1ымк1э иубыдри
зы жимы1эуи щысащ.
Дакъикъит1 тек1а иужьк1э
ину щэ1ури къыщ1идзащ:

Гъащ1эр дахэщ ик1и 1ейщ,
уе1эбыфми пхуэмыубыд,
быубыдауэ жып1эу уилъмэ
езым уи пщэр еубыд.

Гъащ1эр уэ къызэрыбгъащ1эщ
мылъку зыми ирамыт
Гъащ1эр дахэу уэ къэбгъащ1эм
ц1ыхухэм ягум укъинэнщ.

Нанэм пэжу зэржи1ащи
щ1эныгъэл1ыр пщыпэлъытщ
япэм къамэ дэ дгъэдалъэм
дэ ди бийр дгъэк1эзызт,
шууэ я щ1ым дытехьамэ
къытпэувыр зэбгырыддзт.
иджы гъащ1эм зихъуэжащи
Iущу щыт, щ1эныгъэ лъыхъуэ
ул1эжыху гъэлъап1э Хэкур
Хьет жегъы1э си къуэ ц1ык1у.
Ераджиб

YORUMLAR
Yorum yapmak için giriş yapın...